-
1 пхъэ
1. лес ( как стройматериал)/ Псэуалъэ, пхъащхьэ къыхахыну паупщIа жыг.Пхъэр зэгуэхын.* Пхъэ зыIущIым къуэщIий егъуэт. (погов.)2. дрова/ Гъэсын хьисэпу паупщIа, якъута жыг.* Пхъэр зэпыхын. Пхъэр сымэ, Iугъуэ пех. (погов.)Пхъэ зэгуэгъэзам дэгъэплъын укротить, заставить подчиниться кого-л.Пхъэ идзэн устроить жеребёвку, бросить жребий. Пхъэ ирадзэри абы и пхъэркъикIащ.Пхъэ зэтеупщIэн изготовить, сделать сруб. {И} пхъэ къикIын 1) повезти кому-л. 2) выиграть по жребию.* Зи пхъэ къикIар зи кIапэкIэ ягъэуври къыкIэлъикIыр кIэлъагъэувурэ ягуэш. фольк.пхъэ вакъэ деревянные башмаки, сабо/ Пхъэм къыхэщIыкIа вакъэ.* Дэшхуейуэрэ си пхъэ вакъитIым сынырокIуэ мыгъуэри сыныроплъэ. Къэб. п. и ант.пхъэ гуахъуэ деревянные вилы/ ЖьитI зыгуэт пхъэ дыкъуакъуэм къыхэщIыкIа гуахъуэ.Пхъэ гуахъуэр мэкъум хэIун.пхъэ дакъэ 1. кусок бревна/ КIэщIу зэпыха, зэпыуда пхъэ гъум.* Сэ си щIакIуэ щIагъым пхъэ дакъэ ин щIэслъхьащ. Къэб. таур.2. пень/ Жыгыр паупщIа нэужь щIым къыхэнэ лъабжьэ.пхъэ дакъэжь 1. обрубок дерева/ Пхъэ гъум кIэщI.* Лъэныкъуабэ зищIауэ Вильяминовыр гуанабэ пхъэ дакъэжьым тест. Ш. А.2. см. пхъэ дакъэ 2.пхъэ закъуэ лъэмыж мост из одного бревна/ Лъэсхэр зэрызекIуэ лъэмыж бгъузэ дыдэ.* Уфафэу пхъэ закъуэ лъэмыжымкIэ икIын хуей хъуащ. Хъу. и таур.пхъэ кумылэ сердцевина ( дерева)/ Пхъэм ику дыдэ, нэхъ и щабапIэ дыдэ.пхъэ къутапIэ 1. чурбан, на котором колют дрова/ Пхъэ щакъутэкIэ зытраубыдэ пхъэ дакъэ; теIущIыкIыпIэ.* Пхъэ къутапIэмкIэ зигъазэри {ПIытIу} пхъэ зыкъутэ щIалэм еджащ. Ж. Б.2. место во дворе, где рубят дрова/ Пхъэ щакъутэу пщIантIэм иIэ щIыпIэ.Пхъэ къутапIэр пхъэнкIын.пхъэ къутахуэ см. къуэщIий.пхъэ лъакъуэ протез ноги/ Лъакъуэ зыпымытыжхэр иризекIуэу Iэпкълъэпкъым щымыщ пкъыгъуэ.пхъэ пэгун бадья, бадейка/ Пхъэм къыхэщIыкIа пэгун.пхъэ пшынэ балалайка/ ШыкIэпшынэ теплъэ зиIэу IэпэхэмкIэ пшынэбзэм еуэурэ макъамэр къызэрырагъэкIыр.* СолIапэ жызоIэри си пхъэ пшынэр согъаджэ. фольк.пхъэ тыкъыр см. пхъэ дакъэ 1.* Хъуэжэ зы пхъэ тыкъыр иIэти къэпым ирилъхьэри къихьащ. Хъу. и таур.пхъэ хъурей кругляк (нераспиленный лес, как материал)/ Пхъэ зэгуэмыха.Пхъэ хъурейхэр пхъэзэгуэхым шэн./ Фэндыращхьэ, бочкащхьэ сыт хуэдэхэр зэрагъэбыдэ пхъэ тыкъыр.пхъэ цIыцI см. пхъэ хъурей.пхъэ Iунэ деревянные гвозди/ Пхъэм къыхэщIыкIа Iунэ.Пхъэ Iунэ щIын. Пхъэ Iунэ етын. -
2 гуахъуэбжьэ
пхъэ гуахъуэ жьитIым фIалхьэу щыта бжьакъуэт е къэнжалт
рога-наконечники деревянных вил, делали их из жести